Атолл
From Wikipedia, the free encyclopedia
Ато́лл — лагунэр хъуреибзэу е хъурей зэпычауэ къэзыухъуреихьыу щыт коралл тӀыгу. Нэхъ пэжу жыпӀэм атоллыр хышхуэм и лъэгум щыщӀэдзауэ псыщхьэм нэс къыдэкӀуей лъэгапӀэщ, и щхьэр кораллкӀэ дэщӀеижауэ икӀи и хъуреягъ тӀыгу цӀыкӀу гупкӀэ къэхъуреихьыжахэу. Хъуреибзэу щыт атоллхэм я лагунэр хышхуэм ӀузвкӀэ епхахэу щыткъым. Лагунэм ит псыри хышхуэм елъытауэ и щыгъуагъыр нэхъ мащӀэу щытщ. Атоллыр зэпыча хъурейуэ щытым, абыхэм я лагунэр хышхуэм ӀузэвкӀэ епхахэу щытщ тӀыгу цӀыкӀу къом къагъэхъухэу. Атоллхэр къохъу вулкан тӀыгухэр щыбзэхыжхэм деж.